ЕссэнтIыгу станицэм щекIуэкIащ Предгорнэ районым и къэзакъхэм я зэIущIэ. ТхьэлъэIу нэужьым къэзакъхэм зэхыхьэр ирагъэжьащ, къэзакъ-зауэлIхэм, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, къэзакъ-зауэлIхэу дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм папщIэ Тхьэ елъэIури.
ЗэфIагъэкIахэм теухуауэ къэпсэлъащ къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Тополь Андрей. Къэпщытэныгъэ-ревизэ комиссэм и унафэщIыр тепсэлъыхьащ зэфIагъэкIахэм. Апхуэдэу зэIущIэм къапэщылъхэм я гугъу щащIащ.
ЕссэнтIыгу члисэ округым и благочиннэм къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Букарев Андрей къэзакъхэм ехъуэхъуащ зэIущIэр къызэрехъулIамкIэ икIи захуигъэзащ къапэщылъ къалэнхэр къехъулIэну.
Щоджэным къыхигъэщащ тхьэлъэIуншэу фIэщхъуныгъэ зиIэ къэзакъым и гъащIэр зэрымыхъур.