Нежинскэ къажэм Тхьэм и Анэм и «Живоносный источник» члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Украинцев Александр «Метанойя» чристэн гупым я гъусэу щыIащ Кисловодск и Сабий унэ №31-м.
Сабийхэр щоджэным щыIущIэным пэплъэрт зэпымыууэ. Александр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ ныбжьэгъугъэм и мыхьэнэм икIи жиIащ зыр адрейм дэIэпыкъун зэрыхуейр. Щоджэныр апхуэдэу къэблагъэ нэщIым къытеувыIащ, гуэныхьхэр Iуэтэжыным и мыхьэнэм, ар дохутырым иригъэщхьу.
Сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэну щоджэным едэIуащ. Александр упщIэхэм жэуап иритащ, нэщIым цIыхум зэрызригъэхъуэжым и гугъу ищIу. Зэхыхьэр щхьэпэ хъуащ.