ДЗЭ IУЭХУ ХЭХАМ ХЭТХЭМ Я ЗЭХУЭС СТАНИЦЭМ И ЧЛИСЭМ ЩЕКIУЭКIАЩ

02.03.2025
Просмотры: 500

2025 гъэм мазаем и 26-м КъБР-м и Котляревскэ станицэм и Покров члисэм и библиотекэм щекIуэкIащ «За мирное небо – спасибо» зэIущIэр. Зэхыхьэм хэтащ Май район администрацэм и лIыкIуэ Бездудная Ольгэ, районым и Iэтащхьэм социальнэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ, Май район администрацэм и деж щыIэ ЦIыхубзхэм я советым хэтхэр, станицэм щыпсэу бзылъхугъэхэм я советым щыщхэр, Май районым и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ Адэхэм я советым хэтхэр, «Защитники Отечества» фондым и къудамэм и лIыкIуэхэр, Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу щIыналъэм щыIэм щыщхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэр.

ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хыхьэу тепсэлъыхьащ цIыхухэм я къэрал, социальнэ Iуэхухэм, дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я унагъуэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэлъхьэныгъэ хуэзыщIэхэр. Апхуэдэу къытеувыIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я унагъуэхэм социальнэ мыхъумыщIагъэ къыщымыгъэхъуным, абыхэм якIэлъыплъыным.

Члисэм и унафэщI щоджэн Арманов Николай къыхигъэщащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъуну щIыкIэхэр.

Зэхуэс нэужьым дзэ Iуэху хэхам хэтахэм иратащ ерыскъыпхъэхэр икIи члисэм зыщрагъэплъыхьащ.

 

500