КАНОНЫМ ЕДЖЭН ЩЫЩIАДЗАЩ СПАССКЭ КАФЕДРАЛЬНЭ СОБОРЫМ

04.03.2025
Просмотры: 586

2025 гъэм гъатхэпэм и 3-м, нэщI иным и ебланэ тхьэмахуэм и блыщхьэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пщыхьэщхьэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ икIи щихъ Критский Андрей и канон иным и япэ Iыхьэм къыщеджащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Пятигорск щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

586
Фотогалерея