УРЫСЫБЗЭМ ТРАУХУАЩ ШКОЛЫМ ЩЕКIУЭКIА ЗЭIУЩIЭР

04.03.2025
Просмотры: 452

Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр хэтащ «Культурное наследие русского языка» зэIущIэм. Доклад ящIащ класс нэхъыжьхэмрэ курытхэмрэ щеджэхэм, «Рябинушка» сабий садым и гъэсэнхэм, музыкэ школымрэ ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ я лэжьакIуэхэм.

БзэщIэныгъэм и тхыдэм теухуа докладхэр ящIащ апостол пэлъытэ зэкъуэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ я лэжьыгъэхэм теухуауэ, славян алыфбейм, урысыбзэмкIэ рефератхэм, иджырей литературэбзэм, диалектхэм, бзэм и къабзагъэм, нэгъуэщIхэм ятеухуауэ.

Зэхыхьэм хэтахэм къыхураджащ урысыбзэр яхъумэну.

 

452
Фотогалерея