«СТАРШЕЕ ПОКОЛЕНИЕ» ПРОГРАММЭР ЧЛИСЭМ ЩАГЪЭЗАЩIЭ

05.03.2025
Просмотры: 607

Иноземцевэ къуажэм и Иоанно-Предтеченскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Великородный Павел зэIущIэ щрегъэкIуэкI Иноземцевэ, Железноводск къуажэхэм я нэхъыжьхэм.

Илъэсым и пэ къихуэу Железноводск къалэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ и центрым зэгурыIуэныгъэ дащIащ. Нэхъыжьхэм щепсалъэм, щоджэным абыхэм я упщIэхэм жэуап иритащ, Тхьэм, чристэн махуэшхуэхэм топсэлъыхь.

Тхьэмахуэ кIуам махуэшхуэ зэIущIэр дагъэ зыхэлъ шхыныгъуэхэр щашх тхьэмахуэм тепсэлыъхьащ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ Ставрополь крайм и «Старшее поколение» программэм хыхьэу, «Унагъуэ» лъэпкъ Iуэхум къызэщIиубыдэу.

 

607