ПЯТИГОРСК ЧРИСТЭН СЛЕДОПЫТХЭР КЪЫЩЫУНЭХУНУЩ

06.03.2025
Просмотры: 696

Ставрополь митрополием и сайтым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, 2025 гъэм гъатхэпэм и 2-м Ставрополь къалэм и Владимирскэ соборым зэIущIэ щызэхэтащ чристэн щIалэгъуалэр я лэжьыгъэм хагъэгъуэзэн папщIэ. ЗэIущIэм хэтащ соборым и ключарыр, чристэн следопытхэм я зэгухьэныгъэу Ставрополь къудамэм и щоджэн нэхъыжь Острожинскэ Владимир, БПС-м и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Еремин Иван, Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Вдовин Владимир.

Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, Пятигорск къыщызэIуахынущ чристэн следопытхэм я зэгухьэныгъэ.

ЗэIущIэм хыхьэу зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэгурыIуащ. ГупыщIэхэр къызэрызэрагъэпэщынум тепсэлъыхьащ.

ДызыхуэкIуэ зэманым гупым и инструкторыщIэхэр Кърымым щыIэ БПС-м щеджэнущ.

Мы зэIущIэм щIыналъэм и чристэн щIалэгъуалэм я лэжьыгъэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ.

696