ЕКIУЭЛIАПIЭМ КIУЭХЭР ХАГЪЭГЪУЭЗАЩ РЕСПУБЛИКЭМ И ТХЫДЭМ

13.03.2025
Просмотры: 656

Къэрэшей-Шэрджэсым и музей-заповедникым и выставкэ залхэм щыIащ Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и чристэн щIалэгъуалэр.

Экскурсиер иригъэкIуэкIащ экспозицэ-къэхутакIуэ къудамэм и унафэщI Чапурэ Николай. «Дом национальностей», «Уникальное культурное наследие» экспозицэ залхэм щIалэгъуалэм зыщыхагъэгъуэзащ Къэрэшей-Шэрджэсым XIX – XX лIэщIыгъуэхэм щыпсэуахэм я фэилъхьэгъуэхэр зыхуэдам, къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэм, IэрыкIхэм.

Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм къащIащ республикэм а зэманым щыпсэуа лъэпкъхэм я фащэхэм я тхыдэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэр.

Николай тепсэлъыхьащ щыгъынхэр зэражьыщI, ету зэрытрадзэ хьэпшыпхэми зэхъуэкIыныгъэхэр зэрагъуэтам. Пхъэм къыхэщIыкIауэ къежьа и хьэпшыпхэр иджы гъущIым къыхащIыкI.

Экскурсиер щыщщ «Материальная культура народов Карачаево-Черкесии» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ Iуэхум.

 

 

656