КОМИССЭМ КЪИГЪЭЛЪЭГЪУАЩ ИЛЪЭСЫМ ЯЛЭЖЬЫНУХЭР

12.03.2025
Просмотры: 710

2025 гъэм гъатхэпэм и 10-м Успенскэ Второафонскэ Бештаугорскэ цIыхухъу къулъшырыфым щекIуэкIащ Пятигорск епархием щихъхэр канон щIынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ иеромонах Елевферий (Казаков) и унафэм щIэту.

Комиссэм и секретарь щоджэн Гурин Александр къыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэм и архивхэм щоджэн нэхъыжь Федосов Иоанн и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуахэм ехьэлIауэ зэрыщылэжьар. Комиссэм хэтхэм унафэ къащтащ Ставрополь митрополием Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэмрэ хагъэхьэнухэм теухуауэ.

Комиссэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу иеромонах Иоанн (Галумов) къытеувыIащ Кисловодскрэ Черкесскрэ я чристэн гимназиехэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм я лIыгъэм щыхагъэгъуэзэну, «Зелёный Афон» щIалэгъуалэ зэхуэсыр щрагъэкIуэкIкIи, епархием и благочиниехэм я тхьэмахуэ шолхэри къызэщIиубыдэу.

ЗэIущIэм хыхьэу къагъэлъэгъуащ дяпэкIэ къапэщылъхэр:

- Пятигорскрэ Кисловодскрэ выставкэхэр къыщызэрагъэпэщыныр, щихъ, Москварэ Урысей псомрэ я патриарх Тихон дунейм зэрехыжрэ илъэси 100 зэрырикъум теухуар.

- «Новомученики и исповедники Пятигорской епархии» документальнэ фильмхэр къыдэгъэкIыным пыщэн.

 

710
Фотогалерея