ПЯТИГОРСК ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ ЩЭНХАБЗЭ ФЭЕПЛЪХЭР ЗЭРАХЪУМЭНУМ

14.03.2025
Просмотры: 681

2025 гъэм гъатхэпэм и 13-м Пятигорск епархием и унэм Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт щригъэблэгъащ Ставрополь крайм щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ и управленэм и унафэщI Коневэ Аннэ.

Архиепископ Феофилакт Аннэ и гъусэу тепсэлъыхьащ дин мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ фэеплъхэр хъума зэрыхъунум, Пятигорск епархием и нэIэм щIэтхэм. Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ управленэм Хэкум и тхыдэ напэкIуэцIхэр Кавказым и Минводы зэрыщахъумэм папщIэ.

ЗэIущIэм хэтащ Пятигорск епархием и архитектурно-ухуэныгъэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрей, архитектор, епархием и хъумакIуэ Чечин Олег.

 

681