2025 гъэм гъатхэпэм и 15-м, дунейм ехыжахэр ягу къыщагъэкIыжым, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Ленинскэ къуажэм и Михайловскэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Минераловодскэ округым и щоджэнхэм щоджэн нэхъыжь Копач Иоаннрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ.
Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи къулыкъур иригъэкIуэкIащ.