ГРОЗНЭМ ЕПАРХИЕ КЪЫЩЫУНЭХУАЩ

20.03.2025
Просмотры: 843

Урыс Чристэн Члисэм и Синод ЛъапIэм и унафэкIэ (журнал № 6 2025 гъэм гъатхэпэм и 20) Шэшэн Республикэмрэ Ингуш Республикэмрэ  Грознэ епархие къыщыунэхуащ, Мэхъэчкъалэ епархием къыхэкIыжри.

Грознэ епархием и щоджэн нэхъыщхьэм «Грозненскэ, Сунженскэ» щIыхьыцIэр зэрихьэну хуит ящIащ. Мэхъэчкъалэ епархием «Мэхъэчкъалэ, Дербент» щIыхьыцIэхэр зэрихьэнущ.

Грознэ епархиер пIалъэкIэ зэригъэкIуэнущ Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт.

 

843