ЧЕРКЕССК ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ И ГЪЭСЭНЫГЪЭМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

22.03.2025
Просмотры: 567

КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и сайтым къызэрыщыхьамкIэ, 2025 гъэм гъатхэпэм и 19-м, Кавказ-Ищхъэрэ къэрал академием щекIуэкIащ «Воспитание патриота: семейное начало. Патриотизм молодежи — будущее России» зэIущIэр. Ар къызэригъэпэщащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Жылагъуэ палатэм.

Зэхыхьэм хэтащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и депутатхэр, КъШР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр, КъШР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, социальнэ Iуэхухэм я унафэщIхэр, къэрал унафэщIхэр, еджапIэхэм я нэхъыщхьэхэр, щIалэгъуалэ  политикэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр, унафэщIхэм гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ я чэнджэщэгъухэр, КъШР-м и Жылагъуэ палатэм щыщхэр. Пятигорск епархием и лIыкIуэу хэтащ Спартэ къуажэм и Троицкэ члисэм и унафэщI щоджэн Иманов Алексий.

Нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьахэм ящыщщ унагъуэмрэ абы щызекIуэ гъэсэныгъэмрэ. ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ унагъуэм лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр къызэрыщыунэхур.

Тхыдэ узэщIыныгъэхэмрэ музейхэм Хэку зауэшхуэм и тхыдэ пэжыр къэгъэлъэгъуэнымкIэ я мыхьэнэм, студент гупхэр волонтёр Iуэхум жыджэру зэрыхэтми къытеувыIащ.

 

567