Илъэс зыбжанэ хъуауэ Новопавловск и «Заря» центрым хабзэ дахэ хъуауэ щоджэным щыIуощIэ. 2025 гъэм гъатхэпэм и 19-м абыхэм къахуеблэгъащ Старопавловскэ станицэм и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн Вологин Александр. Гъэсэнхэр щоджэным и гъусэу тепсэлъыхьащ гуэныхьым, фыгъуэм. Сабийхэм зрагъэпщащ библием къыщыхьа Iуэхугъуэхэр, Каинрэ Авелрэ ятеухуахэр, гъунэгъум мыхъумыщIэу ухущытыныр псэм къызэрытехьэлъэм къытеувыIащ, гум лъагъумыхъуныгъэ къыщыушынри хыхьэу. Иужьым жаIащ лъагъуныгъэр псоми зэрытекIуэр.