2025 гъэм гъатхэпэм и 23-м Минводы къалэм и бэзэр нэхъыщхьэм япэу хуэмыщIахэм щыхуагуэшащ шэджэгъуашхэхэр. Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн Чемодуров Кирилл волонтёрхэм я гъусэу хэтащ Iуэхум. Шэджэгъуашхэм и пэ къихуэу тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. Члисэм екIуалIэхэм ягъэхьэзыра шхыныгъуэхэр ирикъуащ цIыху 40-м. Псапэ шэджэгъуашхэхэр тхьэмахуэ къэс, сыхьэт 12-м ягуэшынущ.