2025 гъэм гъатхэпэм и 25-м, хабзэ зэрыхъуауэ, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Иверскэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илиярэ къардэн Фещенкэ Иоаннрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ епархием и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ.
ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.