УНАФЭЩIЫР АДЭХЭМ Я СОВЕТЫМ ТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

09.04.2025
Просмотры: 442

Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм и щоджэн Якушев Александр щыIащ сабий зеиншэхэм я республикэ унэм.  КъШР-м сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Алакаевэ М. Ю. и жэрдэмкIэ зэIущIэр зэхэтащ.

Александр сабийхэм яхтепсэлъыхьащ Адэхэм я советым, ныбжьыщIэхэм я деж ныкъусаныгъэхэр къыщымыгъэхъуным. Лъагъуныгъэм, дэIэпыкъуныгъэм, гуэныхьхэр гъэгъуным я мыхьэнэм къытеувыIащ ар. Щоджэныр гъащIэм щыщ щапхъэхэр къихьащ, зэныбжьэгъугъэрэ мамырыгъэрэ зэгъунэгъухэм яку дэлъу псэун папщIэ.

Сабийхэмрэ я гъэсакIуэхэмрэ я упщIэхэм щоджэным жэуап иритащ. Зэхыхьэр гуапэу екIуэкIащ.

 

 

442