«СВОИ ГЕРОИ» АЛЛЕЕР КЫЩЫЗЭ1УАХАЩ КОНСТАНТИНОВСКЭ СТАНИЦЭМ

09.04.2025
Просмотры: 542

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьам и пэ къихуэу Константиновскэ станицэм къыщызэIуахащ «Свои герои» щIыхьым и аллеер. Махуэшхуэм щызэхуэсащ СВО-м хэтахэм я унагъуэхэр, курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ кIуэхэр, дзэ-патриот клубым хэтхэр, станицэм щыпсэухэр.

ХьэщIэ лъапIэхэм фIэхъус ирахащ зэхуэсахэм. Станицэм и члисэм и унафэщI щоджэн Хлынов Кирилл къыхигъэщащ лIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэнымкIэ фэеплъ щIыпIэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.

Зэхыхьэ нэужьым жыгхэр ягъэтIысащ, станицэм щыпсэуа лIыхъужьхэм я фэеплъу.

 

 

542
Фотогалерея