Пятигорск епархием щекIуэкIащ егъэджакIуэхэм яхуэгъэза «Урок в православном храме» мастер-классхэр. Практикумым хэтащ щоджэнхэр, курыт еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ я егъэджакIуэхэр, тхьэмахуэ школхэм я егъэджакIуэхэр, екIуэлIапIэм и IэщIагъэлIхэр.
Мастер-классыр иригъэкIуэкIащ Урыс Чристэн Члисэм дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и Синод къудамэм чристэн щэнхабзэм и лъабжьэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Поликарповэ Татьянэ. Спикерым зэрыжиIэмкIэ, члисэм и дерсхэм зыплъыхьакIуэр уигу къагъэкIыж икIи сабийхэм ар ягу ирохь.
Мастер-класс классыр IыхьитIу гуэшауэ щытащ. ЕгъэджакIуэхэр члисэм ирагъэблагъэри еджакIуэхэм папщIэ лэжьыгъэхэр ягъэхьэзыращ. Практикумым хыхьэу проектхэр зэпкърахащ.
Апхуэдэ мастер-классхэр ирагъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я егъэджакIуэхэм. Епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэр, къалэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэр и дэIэпыкъуэгъуу къызэрагъэпэща зэхыхьэм хэтащ Пятигорск епархием и Iэгъуэблагъуэм и школхэмрэ гимназиехэмрэ щыщ егъэджакIуэ щитIым щIигъу.