2025 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт щригъэкIуэкIащ Гъубж Иным и тхьэлъэIумрэ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым Успенскэ соборым и тхьэлъэIу уэрэдхэм я Литургиемрэ.
Щоджэн нхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ къулъшырыфым и щоджэнхэм, тхьэлъэIу-иерархие дамыгъэхэр иратри. ТхьэлъэIу уэрэдхэр игъэзэщIащ къулъшырыфым и хорым. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къулъшырыфым Тхьэ елъэIуну кIуахэр.
IутIыж нэхум и махуэм Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл, архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, жорыр зэрахьэну хуит ящIащ щоджэн нэхъыжь Гичко Ниолайрэ щоджэн нэхъыжь Кравченкэ Андрейрэ. Палицэр зэрихьэну хуит ящIащ щоджэнхэу Пронь Алексийрэ Фоменкэ Сергийрэ.
Архиепископ Феофилакт и унафэкIэ жорыр зэрихьэну хуит ящIащ щоджэн Дзыбэ Иоаннрэ щоджэн Пайметьев Евгенийрэ.
ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.