2025 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м, Махуэку Иным, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиемрэ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым лъакъуэ тхьэщIын къулыкъумрэ щригъэкIуэкIащ.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм, тхьэлъэIу дамыгъэхэр ятыну ирагъэблэгъахэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Щоджэн нэхъыщхьэм щоджэнхэм хуагъэфэща дамыгъэхэр щIыхьэпIэм деж щигъэтIылъащ.
Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и унафэкIэ, архиепископ Феофилакт и лъэIукIэ, IутIыж Иным и махуэм тхьэлъэIу литургие иригъэкIуэкIыну хуит ящIащ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ щоджэн нэхъыжь Дубинский Борисрэ («Отче наш»).
ТхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIыну хуит ящIащ щоджэн нэхъыжьхэу Фещенкэ Стефан, Долматов Сергий, Проскурин Вадим (Иже херугвимы».
Жор гъэщIэрэщIар зэрихьэну хуит ящIащ: щоджэн нэхъыжьхэу Бондарчук Андрейрэ Кузнецов Сергийрэ.
Палицэр зэрихьэну хуит ящIащ щоджэн Мовчанов Димитрий, щоджэн Лукьянченкэ Георгий, щоджэн Янковский Давид, щоджэн Чемодуров Кирилл.
Архиепископ Феофилакт и унафэкIэ жорыр зэрихьэну хуит ящIащ щоджэн Лиманов Георгий.
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
Гъэ къэси хуэдэу, тхьэлъэIу литургие нэужьым архиепископ Феофилакт лъакъуэ тхьэщIын къулыкъур иригъэкIуэкIащ.