2025 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пщыхьэщхьэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Черкесск къалэм и Никольскэ соборым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и щоджэнхэм.
ТхьэлъэIум и пэ къихуэу Пастыр нэхъыщхьэм щоджэнхэмрэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ Христос и цIэр зезыхьэ члисэ Иерусалим къраха мафIэм щыщ ялъигъэIэсащ. ТхьэлъэIу нэужьым ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и УнафэщI Иванов Александр КъШР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъур ялъигъэIэсащ. ТхьэлъэIур щызэхуищIыжым, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи IутIыж джэдыкIэхэр яритащ.
ИужькIэ архиепископ Феофилакт Александр иригъэлъэгъуащ дзэ Iуэху хэхам теухуауэ Члисэ тхыдэмрэ къэзакъыгъэмкIэ музей Никольскэ соборым щагъэува выставкэр. Музейр Къэрэшей-Шэрджэсым щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэмкIэ и центрхэм ящыщ зыщ.