2024 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Кисловодск щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэр сабий ТхьэлъэIу литургиекIэ Никольскэ соборым щрагъэжьащ. Абы IутIыж тхьэлъэIукIэ щыпащащ апостол пэлъытэ Нинэ и цIэр зезыхьэ члисэм. Ар Пятигрск епархием и Кисловодск округым щригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыщхьэм щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоаннрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу.
Пастыр нэхъыщхьэр зэхуэсахэм ехъуэхъуащ Христос и махуэшхуэмкIэ, ухуакIуэхэм члисэ ухуэныгъэмкIэ Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ икIи дыщIигъужащ IутIыж тхьэлъэIур а щIыпIэм хабзэ хъуауэ зэрыщрагъэкIуэкIыр. «Мы тхьэлъэIур хабзэ дахэ хъунущ, щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэ зезыхьэхэр зэкъуигъэувэу, я кум зэгурыIуэныгъэрэ пщIэрэ дэлъу. IутIыж тхьэлъэIур мыбдеж щыдогъэкIуэкI. Мы тхьэлъэIур Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым ис, зи тхыдэр, хабзэр зыщIэж чристэн цIыхухэм я фIэщхъуныгъэм и нэщэнэщ.
Щихънагъ Феофилакт къыхигъэщащ щихъ Нинэ и цIэр зезыхьэ члисэм Кисловодск игъэдэхэн къудей мыхъуу, псапэ, щэнхабзэ Iуэху куэдым я щIэдзапIэ зэрыхъунур, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ игъэбыдэу.
Яухуэ члисэм и ктитор Лобжанидзе Павел архиепископ Феофилакт фIыщIэ хуищIащ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ «За труды на благо Пятигорской епархии» медалым и I нагъыщэр къызэрыхуагъэфэщамрэ папщIэ.
Махуэшхуэр и кIэм щынэблагъэм хьэщIэхэр Iэнэм ягъэтIысащ.