Пятигорск и Георгиевскэ члисэм щекIуэкIа IутIыж тхьэлъэIум частым и унафэщIхэм я арэзыныгъэкIэ хэтащ УФ-м и Лъэпкъ гвардием и дзэ часть 7427-м къулыкъу щызыщIэхэр. ЩIалэхэм Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ,гуэныхьхэр яIуэтэжащ.
Члисэм и унафэщIхэм, Пятигорск епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщIым и арэзыныгъэр ялъыса нэужь, щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин екIуэлIапIэм кIуэхэм ехъуэхъури, къулыкъу зыщIэхэр я Iуэхум пэрыувэжащ.