КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений щыIащ УФСИН-м Тезыр щрагъэпшын и центрым. УнафэщIыр ехъуэхъуащ центрым щыIэхэм махуэшхуэмкIэ, IутIыж махуэм, щихъ Иоанн Дыщэ Iупэм и псалъэхэм я мыхьэнэм къытеувыIащ, IутIыж куличхэр тыгъэ яхуищIащ КъегъэлакIуэ Христос лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжамкIэ ехъуэхъуу. Апхуэдэу щоджэным унафэщIым фIыщIэ яхуищIащ IуэхущIапIэм зэрыдэлажьэм папщIэ.