КАВКАЗЫМ И ЛИК №4 (202)

02.05.2025
Просмотры: 612

«Лик Кавказа» хъыбарегъащIэ-публицистикэ газетым и 202-нэ номерым щытопсэлъыхь Иерусалим Христос ЛIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам и цIэр зезыхьэ члисэм мафIэ кърахыу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым къызэрагъэIэпхъуам. Ар къахьащ урысейпсо къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Кузнецов Виталийрэ Тэрч къэзакъыдзэм и атаман Савченкэ Владимиррэ. IутIыж пщэдджыжь тхьэлъэIумрэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ «Терек» гупыр зыхэта тхьэлъэIу литургиемрэ зэрекIуэкIам щытопсэлъыхь.

Газетым къыщыхьащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрэ Пятигорск къалэм и къэзакъ школ №19-м зэрыщыIам теухуа тхыгъэ.

КъыдэкIыгъуэм ихуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Пыльцын Юрэ и докладыр, генерал Краснов Пётр и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуар.

Хабзэ зэрыхъуауэ къыдэкIыгъуэм итщ тэрч, кубань къэзакъыдзэхэм я къэзакъ гъащIэм теухуахэр, Пятигорск епархием и Iэгъуэблагъуэм щыIэхэм.

612