2025 гъэм накъыгъэм и 2-м, блаженнэ Московская Матронэ и фэеплъ махуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу къалэм блаженнэ Матронэ и цIэр зезыхьэ и члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан я пашэу. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.
Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, члисэм и хъумакIуэр игъэлъэпIащ, фIыщIэ тхылъхэр яритащ екIуэлIапIэм щылажьэхэм икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
Махуэшхуэр и кIэм щынэблагъэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.