Пятигорскэ епархием хъыбар фегъащIэ 2025 гъэм накъыгъэм и 5-м, и ныбжьыр илъэс 91-м иту, зыкъомрэ сымэджа нэужь, щоджэн нэхъыжь Таранов Михил днейм зэрехыжар.
Щоджэн къулыкъум 1974 гъэм пэрыхьа нэужь, Михаил къулыкъур щригъэкIуэкIащ Ставрополь епархием. И узыншагъэм къимыхь щыхъуми, Птяигорск къалэм и члисэхэм я унафэщIхэм я къулыкъур ирахьэкIынымкIэ дэIэпыкъуащ. 2003 гъэм щыщIэдзауэ щоджэн нэхъыжь Таранов Михаил Пятигорск къалэм и Лазаревскэ члисэм Тхьэм щелъэIурт.
«Дунейм ехыжа щоджэныр сцIыхуу щытащ. Тхьэм хуиIэ фIэщхъуныгъэмкIэ Михаил екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ щоджэнхэмрэ гукъыдэж яритырт. Члисэм и лэжьакIуэхэр ар сымаджэ хъуа нэужь щIэупщIакIуэ кIуащ, Тхьэм хуелъэIурт и узыншагъэр зэтеувэжын папщIэ. Дунейм ехыжа щоджэн нэхъыжьым и псэр зэгъэну Тхьэм солъэIу, щоджэнхэри Члисэм екIуалIэхэми ар къыздаIыгъыну сыщогугъ», - жиIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.
Щоджэн нэхъыжь Таранов Михаил накъыгъэм и 7-м, Пятигорск къалэм Лазаревскэ члисэм щыщIалъхьэжынущ. ТхьэлъэIу литургием сыхьэти 8-м щIидзэнущ пщэдджыжьым. Михаил члисэм и тыхь щIапIэм деж щыщIалъхьэжынущ.