2025 гъэм накъыгъэм и 4-м Черкесск къалэм и Покров члисэм щагъэлъэгъуащ «Наша дружная семья: уроки семейной медиации» социальнэ Iуэхур. Ар «Православная инициатива – 2025» дунейпсо зэпеуэм щытекIуа члисэ екIуэлIапIэм егъэзащIэр. Зэпеуэр ирагъэкIуэкI Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ, социальнэ, егъэджэныгъэ, хъыбарегъащIэ, щэнхабзэ, нэгъуэщI жэрдэмхэмкIэ ЗэзыгъэIу комитетым Урыс Чристэн Члисэм и нэIэм щIэту.
Ар хуэунэтIащ унагъуэ Iуэху зэIумыбзхэр гъэзэкIуэжыным, зэгурымыIуэныгъэхэр зэпэщ щIыжыным, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр гъэбыдэным, медиацэм теухуа IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным. Iуэхум хыхьэу цIыху 45-рэ ирагъэджэнущ, школ психологхэр, щоджэнхэр, екIуэлIапIэм кIуэхэр, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, унагъуэ медиацэр зыфIэгъэщIэгъуэн дэтхэнэри къызэщIиубыдэу. Юрист, психолог, духовнэ унэтIыныгъэ жыпIэми, абы куэд къызэщIеубыдэр икIи зи IэщIагъэм хуэIэижь психолог, юрист, щоджэнхэр хэтынущ.
Программэм хохьэр унагъуэ медиацэм и хъыбарегъащIэ Iуэхухэр, зэбгъэдэкIыжыну зи мурад зэщхьэгъусэхэм папщIэ чэнджэщхэр, «Си унагъуэ зэгурыIуэ» дерсыр ирагъэкIуэкIынущ школым кIуэхэм папщIэ, сочиненэ ятхынущ, республикэ унагъуэ фестивалым хэтынущ, Черкесск мэкъуауэгъуэм и пэхэм щызэхэтынум.
«Нобэ, унагъуэм зэIумыбз куэд щилъ зэманым, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр гъэбыдэн хуейщ, Iуэху зэIумыбзхэр гъэзэкIуэжын хуейщ. ЗэбгъэдэкIыжхэм я бжыгъэм уегъэгужьей: ЗАГС-м щатхахэм уеплъмэ, 2024 гъэм зэбгъэдэкIыжахэм я бжыгъэр нэхъыбэщ, нэчыхь езыгъэтхахэм нэхърэ. Экономикэ щытыкIэр зэрыгугъуркъым нэхъыбэу щхьэусыгъуэу къагъэлъэгъуар, атIэ зэщхьэгъусэхэмрэ зэIыхьлыхэмрэ яку къыдэхъуэ псалъэмакъхэрщ. Унагъуэм илъ зэхущытыкIэхэр зэрекIэкIуарщ абы къигъэлъагъуэр, зэгурымыIуэр куэд зэрыхъуарщ. Ди проектым зыр зым зэхихын, гурыIуэн, зэригъэкIужын мыхьэнэщ иIэр. Къэрэшей-Шэрджэсым и медиаторхэм я дерсхэм я фIыгъэкIэ щытыкI гугъухэм къикIыным, унагъуэр хъумэжыным хуэщхьэпэну», - жиIащ Iуэхур къыхэзылъхьа, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Нартов Александр.
ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм лэжьыгъэр щхьэпэ ящыхъуащ. Куэдым жаIащ щытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэм ядэIэпыкъуну зэрыхьэзырыр. Члисэм абы теухуауэ фыщыщIэупщIэ хъунущ, дерсыр зэIухащ.