ФЭЕПЛЪ БЛЫНЫР ЕССЭНТIЫГУ СТАНИЦЭМ КЪЫЩЫЗЭIУАХАЩ

10.05.2025
Просмотры: 1029

2025 гъэм накъыгъэм и 8-м, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къыщахьа махуэшхуэм и пэ къихуэу, ЕссэнтIыгу станицэм къыщызэIуахащ фэеплъ блын, дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда зауэлIхэмрэ лIыхъужьхэмрэ я сурэтхэр къищу.

Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ станицэм и Успенскэ члисэм и щоджэн Дзыбэ Иоанн. Щоджэным лIыхъужьхэр зэращымыгъупщэнур жиIащ икIи хэкIуэдахэм я фэеплъыр зыщамыгъэгъупщэну къыхуриджащ зэхуэсахэр.

 

1029