ПАСТЫР НЭХЪЫЩХЬЭМ КЪИПЛЪЫХЬАЩ ЧЛИСЭЩIЭМ И УХУЭНЫГЪЭР

11.05.2025
Просмотры: 1087

2025 гъэм накъыгъэм и 10-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Старопавловскэ станицэм и Никольскэ члисэм. Члисэм деж архиепископ Феллфиакт щыIущIащ Кировскэ къалэ округым и Iэтащхьэ Новопашин Николай.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Новопавловск округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн Гордин Александррэ къардэн Галумов Максимрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэмрэ станицэм щыпсэухэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

ИужькIэ, Новопашин Николай и гъусэу Пастыр нэхъыщхьэр кIэлъыплъащ ухуэныгъэр зэрекIуэкIым. Иджыпсту зэгухьэныгъэм тхьэлъэIу унэм щызэхуос.

1087
Фотогалерея