КАДЕТХЭМ ЖРАIАЩ ГЪАЩIЭМ И МЫХЬЭНЭР ЗЫХУЭДЭР

17.05.2025
Просмотры: 580
Настоятель рассказал кадетам о смысле жизни Настоятель рассказал кадетам о смысле жизни

2025  гъэм накъыгъэм и 15-м Губин Андрей и цIэр зезыхьэ ЕссэнтIыгу и кадет школ №5-м Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан  кадет классхэм щеджэхэм яIущIащ, щIэблэм я гъэсэныгъэм теухуауэ.

Щоджэныр гъащIэм и мыхьэнэм тепсэлъыхьащ икIи гъэсэныгъэм и мызакъуэу, лъапIэныгъэхэми тепсэлъыхьащ. Зэпсэлъа, зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэха нэужь, Стефан школым и егъэджакIуэхэм фIыщIэ хуищIащ унафэщI Гусев Владимир зэIущIэр къызэрызэригъэпэщар къыхигъэщу.

Хухаха пIалъэм иужькIэ, ныбжьыщIэхэм упщIэхэр ятащ  икIи апхуэдэ зэхыхьэхэр дяпэкIи къызэрагъэпэщыну лъэIуащ.

 

580