КЪУДАМЭМ И УНАФЭЩIЫР ДЗЭМ ИРАДЖЭХЭМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

20.05.2025
Просмотры: 650

Пятигорск къалэм, Пост № 1-м Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ. Зэхыхьэм хэтащ хьэщIэ лъапIэхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, ветеранхэм я Советыр, анэхэм я Комитетым хэтхэр, къалэ администрацэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, дзэм ираджахэр, къалэ школым щеджэхэр, студентхэр.

Махуэшхуэм хэтхэм фIэхъус ирахащ Пятигорск, Лермонтов, Кисловодск къалэхэм я дзэ комиссариатым я лэжьакIуэхэм, УФ-м и Лъэпкъ гвардием и лIыкIуэхэм, Пятигорск къалэм и унафэщIым и къуэдзэv, хьэщIэ лъапIэхэм.

Пятигорск епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Коycтантин ехъуэхъуащ дзэм ираджэхэм. Щоджэныр щIалэхэм ехъуэхъуащ къулыкъур ехъулIэныгъэ яIэу ирахьэкIыну.

650
Фотогалерея