Къэрэшей-Шэрджэсым и Жылагъуэ палатэм щагъэлъэгъуащ «Моя дружная семья: уроки семейной медиации» социальнэ проектыр. Ар Черкесск къалэм и Порков члисэм и екIуэлIапIэм щагъэзащIэр, «Чристэн жэрдэм» зэпеуэм щытекIуар. Абы хыхьэу гъэмахуэ семинархэр пщIэншэу къызэрагъэпэщ, медиаторхэр гъэхьэзырыным теухуауэ.
Iуэхур хуэгъэзащ зэбгъэдэкIыж зэщхьэгъусэхэр гъэмэщIэным, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр гъэбыдэным теухуауэ. Егъэджэныгъэм хыхьэу цIыху 45-рэ ирагъэджэнущ – ар психологхэр, щоджэнхэр, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, медиацэм и зыжьыныгъэр зыфIэгъэщIэгуъэн цIыхухэрщ. Унагъуэ медиацэм и юрист, психолог, щоджэн унэтIыныгъэхэм хагъэгъуэзэнущ ахэр.
Черкесск къалэм и Покров члисэм, Iуэхум и унафэщI щоджэн нэхъыжь Нартов Александр къытеувыIащ жэрдэмыр демографие щытыкIэм и жэуап зэрыхъуар. Абы хыхьэу медиаторхэм я зэгухьэныгъэ – щытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэм ядэIэпыкъун папщIэ къызэрагъэпэщынущ. Iуэхум и психолог Жедяев Олег къыхигъэщащ унагъуэ медиацэр – терапие мыхъуу, зэгурымыIуэныгъэхэр зэрызэгурагъаIуэ Iэмал зэрыхъунур.
Егъэджэныгъэр бадзэуэгъуэм ирагъэжьэнущ. Абы хыхьэу жэрдэмхэр ирагъэжьэнущ, унагъуэхэм ядэIэпыкъуным, республикэм зэщхьэгъусэхэр зэгурыгъэIуэным теухуауэ.
Абы хэтыну гукъыдэж зиIэхэм зэпэIэщIэу анкетэр мы ссылкэмкIэ евгъэхьын хуейщ https://forms.yandex.ru/u/6825e57I90fa7b69853656ee/ е Черкесск и Покров члисэм тхылъымпIэр къыщыфщтэн хуейщ. КъШР- щыпсэухэм ящыщу зи ныбжьыр илъэс 18-м щIигъуахэр абы хыхьэ хъунущ. Ирагъэджэнухэр зэпеуэкIэ къыхах. Анкетэр 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1 пщIондэ евгъэхь хъунущ.