МАХУЭШХУЭМ САБИЙХЭМ ОТКРЫТКЭХЭР ЯЩIАЩ

09.06.2025
Просмотры: 625

КъБР-м хыхьэ Прохладнэ къалэм и Покров члисэм Троицэ махуэм махуэшхуэ открыткэхэр гъэхьэзырыным щыхуагъэсащ. Дерсыр иригъэкIуэкIащ Гориславская Анастасие. Дерсым хэтащ члисэм и унафэщIри.

Мастер-классым хыхьэу ныбжьыщIэхэм къэрэндащхэр, фломастерхэр, пластилиныр, джэдыкIафэр яIыгъыу открыткэхэр ящIащ. Троицэ махуэшхуэм ирихьэлIэу открыткэхэмкIэ я анэхэм яхуэупсащ.

Художник ныбжьыщIэхэр дерс нэужьым ирагъэблэгъащ IэфIыкIэхэр зытелъ Iэнэм.

625