КЪЭЗАКЪ ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭХЭМ Я ЩОДЖЭНХЭР ЗЭХЫХЬЭМ ХЭТАЩ

11.06.2025
Просмотры: 696

2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м Ставрополь крайм хыхьэ Солнечнодольск къуажэм ТВКО-м и къэзакъ щIалэгъуалэм я II зэхуэсыр щызэхэтащ. Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ абы хэтащ Пятигорск епархием и къэзакъ зэгухьэныгъэхэм я щоджэнхэр.

ЩIалэгъуалэ зэхуэсыр тхьэлъэIу литургиекIэ къыщызэIуахащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и члисэмкIэ. Зэхуэсым хэтхэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ Кавказым и хъумакIуэхэм я фэеплъым нэс кIуащ, щоджэнхэм хэкIуэда зауэлIхэм папщIэ тхьэлъэIур щрагъэкIуэкIам, фэеплъым удз гъэгъахэр щытралъхьам. ЩэнхабзэмкIэ унэм пленарнэ зэIущIэ щызэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Ставропольскрэ Невинномыскрэ я митрополит Кирилл, къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод комитетым и унафэщIым.

Зэхуэсым хэтхэр шэджагъуашхэм ирагъэблэгъащ. ТВКО-м и къэзакъ щIалэгъуалэм махуэшхуэм пащащ

696