2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м щоджэнхэу Пронь Алексийрэ Тарнакин Андрейрэ IущIащ Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и 3-4 классхэм щеджэу гъэмахуэ лагерым щыIэхэм.
ЕгъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ я гъусэу щоджэнхэр къалэм ирикIуащ Тхьэм и Анэ «Семистрельная» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм. Абдеж хьэщIэхэм щыIущIащ члисэм и унафэщI щоджэн Вдовин Михаил.
Щоджэнхэр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ члисэм и щытыкIэм, Члисэм и щэхухэм. ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм ныбжьыщIэхэр Тхьэ елъэIуащ, шэху уэздыгъэхэр ягъэуващ, сурэт зэгъусэу зытрагъэхащ.