МУЗЕЙМ КЪЫЩЫЗЭIУАХАЩ ТХЬЭНАПЭХЭМ Я ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭ

16.06.2025
Просмотры: 409

Пятигорск къылэм и «Россия - Моя история» тхыдэ паркым къыщызэIуахащ чристэн тхьэнапэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Ар траухуащ Урысейм и махуэр зэрагъэлъапIэм, Хэкум и гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэхэр ягъэлъэгъуэн папщIэ. Зэхыхьэм хэтхэм фIэхъускIэ зыхуагъэзащ музейм и унафэщI Скрипник Янэрэ щоджэн Хлынов Кириллрэ. Абыхэм ягу къагъэкIыжащ чристэнхэм я дежкIэ тхьэнапэхэр гъэлъэпIэным я мыхьэнэр.

409