2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м КъБР-м и Прохладнэ къалэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм къыщызэIуахащ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм я фэеплъыр. Фэеплъ зэхыхьэм хэтащ хэкIуэда зауэлIхэм я адэ-анэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, КъБР-м и Парламентым и депутат Марцуль Олег, щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм социальнэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ ПщыцIыкIу Алеся, Покров члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений.
Проектыр зей Ларионовэ Аллэ фэеплъ блыныр къызэIуихащ. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я адэ-анэхэм ягу къагъэкIыжащ зи гъащIэр Хэкум щIэзыта я сабий-лIыхъужьхэр.
Щоджэн Калинин Евгений къыхигъэщащ ди зауэлIхэр Хэкум и цIыху нэхъыфI зэрыхъуар.