АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ХЭТАЩ КЪБР-М И ЦIЫХУБЭ ЗЭХУЭСЫМ

26.06.2025
Просмотры: 704

КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я сайтым къызэрыщыхьамкIэ, 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид республикэм 2024 гъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэмрэ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэмрэ теухуа доклад ищIащ, УФ-м и Президент Путин Владимир 2030 гъэ пщIондэ къащищIа пщэрылъхэр зэрагъэзащIэми къытеувыIащ.

КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и зэIущIэм хэтащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Абы ирагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, республикэм и Правительствэм щыщхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я унафэщIхэр, федеральнэ IуэхущIапIэхэм я къудамэхэм, жылагъуэм я лIыкIуэхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр.

Темрезов Рашид къилъытащ республикэм фIэщхъуныгъэ зиIэу исхэм, чристэн зэгухьэныгъэхэм псапэ Iуэхухэм хуащIа хэлъхьэныгъэхэр, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, хуэмыщIахэм зэрадэIэпыкъур, щIалэгъуалэм я деж лъапIэныгъэхэр нэхьэсыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIыр.

«КъШР-м и муфтий Ерчэн Мухьэмэд-хьэжым Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, республикэм и щоджэнхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ. Диным, лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным хуэфщI хэлъхьэныгъэхэр уасэншэщ. Дзыхь егъэзынырщ, зым и щэнхабзэм адрейм пщIэ хуищIынырщ ди дунейр зэтезыIыгъэр. АбыкIэ фIыщIэ фхузощI, - жиIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэм.

 

704
Фотогалерея