ПЯТИГОРСК ИУЖЬРЕЙ ГЪУЭГУАНЭМ ЩЫТРАГЪЭУВЭЖАЩ ГУАПАГЪЭ ЗЫЩIЭ ШЫПХЪУХЭР

27.06.2025
Просмотры: 1040

Пятигорск къалэм щихъ Луки и цIэр зезыхьэ и сымаджэщ члисэм 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м иужьрей гъуэгуанэм щытрагъэувэжащ гуапагъэ зыщIэ шыпхъу, Пятигорск округым и благочиннэм и дэIэпыкъуэгъу Климовэ Галинэ.

ТхьэлъэIу литургие нэужьым къулыкъур ирагъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм – благочиннэ щоджэн нэхъыжь Симанович Олег, щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис, щоджэн Видяпин Александр, щоджэн Рубец Алексий.

Галинэ илъэс 71-м иту дунейм ехыжащ, хьэлъэу куэдрэ сымэджа нэужь. Илъэс 12-м щIигъукIэ абы социальнэ къулыкъумрэ гуапагъэ зыщIэ шыпхъумрэ я къалэнхэр здихьащ. А илъэсхэм къриубыдэу абы цIыхухэм я лъагъуныгъэр къилэжьащ. И къарууншагъэми, унагъуэм игъуэта хэщIыныгъэхэми емылъытауэ, зэпымыууэ псэупIэншэхэм, фэбжь зыгъуэтахэм, Iэпхъуэшапхъуэхэм захуигъазэу щытащ. Дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ зауэлIхэм ар ядэIэпыкъуащ, фэилъхьэгъуэ хуабэхэр зэIуищэрт, хъархэр ищIырт.

Шыпхъухэм, щихъ Луки и цIэр зезыхьэ члисэм и зэгухьэныгъэм, ар къэзыцIыхуу щытахэм хэщIыныгъэ ин ягъуэтащ.

 

 

1040