ХЭКУ ЗАУЭШХУЭМ ХЭКIУЭДАР ЩЫЩIАЛЪХЬЭЖАЩ ЕССЭНТIЫГУ

30.06.2025
Просмотры: 542

2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м ЕссэнтIыгу къалэ-зыгъэпсэхупIэм ТекIуэныгъэм и Паркым щекIуэкIащ Хэку зауэшхуэм хэта Голубев Георгий щIэлъхьэжыным теухуа пэкIу.

ХэкIуэдам пщIэ хуащIыну зэхуэсащ къалэ администрацэмрэ думэмрэ я лIыкIуэхэр, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр, еджакIуэхэр, студентхэр. 

Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым екIуалIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан къэпсэлъащ. Щоджэным ягу къигъэкIыжащ щIэблэм я къэкIуэнум зи псэр щIэзыта лIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэным и мыхьэнэр, ахэр я щапхъэу сабийхэр гъэсэн зэрыхуейр.

Бэныр «Франчиха» кхъэм яшащ, Хэку зауэшхуэм хэтам и Iыхьлыхэр зыщIэлъым. Голубев Георгий пщIэ иIэу щIалъхьэжащ.

***

Голубев Георгий 1905 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м Тверь губернием къыщалъхуащ. И щхьэгъусэ Антонинэрэ и бынищымрэ я гъусэу Минераловодскэ районым и Николаевскэ степым щыпсэуащ. Георгий дзэм ираджащ 1941 гъэм шыщхьэуIум и 12-м Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэу. Нэмыцэ фашистхэм Воронеж унэтIыныгъэмкIэ щапэщIэта зэхэуэм жыджэру хэтащ. 1942 гъэм лIыгъэ зэрихьэу хэкIуэдащ.

Воронеж и «Дружина» дзэ-хэкупсэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къэлъыхъуакIуэ гупым Ольховаткэ къуажэм пэгъунэгъуу къыщагъуэтыжащ абы къыщIэна къупщхьэхэмрэ и медальонымрэ.

 

542