АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ТХЬЭМАХУЭ ТХЬЭЛЪЭIУ ЛИТУРГИЕР ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ СПАССКЭ СОБОРЫМ

30.06.2025
Просмотры: 494

2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м, махуэ щэ ныкъуэм къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэ ещанэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм зыщигъэгъуэза нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Архиепископ Феофилактрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ я зэпсэлъэныгъэм щыпащащ Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ центрым.

 

494
Фотогалерея