Черкесск къалэм щекIуэкIащ КъШР-м сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ Уполномоченнэм и деж щылажьэ Адэхэм я зэгухьэныгъэм и зэIущIэ. Абы хэтащ щIыналъэм и лIыкIуэхэр, щоджэнхэр, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэр.
«Адэхэм я Советыр унэтIыныгъищым щолажьэ: социальнэ IуэхущIапIэхэм щыIэ сабийхэм ядолажьэ; щIыпIэ, республикэ зэхыхьэхэм хэтщ (адэхэм я зэхуэсхэм, педсоветхэм хэтщ, адэ-анэхэмрэ еджакIуэхэмрэ IуощIэ); КъШР-м Сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и Уполномоченнэм доIэпыкъу», - жиIащ КъШР-м Сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и Уполномоченнэ Алакаевэ Марие.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Советым япэ илъэс ныкъуэм зэфIигъэкIахэм. Адэхэм я советым и унафэщI Байрамкулов Алий зэфIагъэкIахэм тепсэлъыхьащ, республикэм и социальнэ IуэхущIапIэхэм зэрадэлажьэр хыхьэу.
ЗэIущIэхэм хыхьэу еджакIуэхэм зэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр драгъэкIуэкIащ, ныбжьыщIэхэр иджырей жылагъуэм хэзэгъэным теухуауэ.
Зэхыхьэр и кIэм щынэблагъэм Сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ Уполномоченнэм утыку кърихьащ Адэхэм я зэгухьэныгъэм 2025 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм зэфIигъэкIыну иубзыхуахэр. Абы щыщу къыхигъэщащ сабийхэм дерсхэр драгъэкIуэкIыныр. А дерсхэр еджакIуэхэм яхуэщхьэпэнущ.
Марие фIыщIэ тхылъ иритащ Пятигорск епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэу КъШР-м щыIэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр.