ПЯТИГОРСК КЪЫЩЫЗЭIУАХАЩ ГЕНЕРАЛ МАРГЕЛОВ И БЮСТЫР

02.07.2025
Просмотры: 415

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Урысейм и десантникхэм я зэгухьэныгъэм ирагъэблагъэри, хэтащ Хьэуа-десантыдзэхэм я генерал Маргелов Василий и фэеплъыр къыщызэIуахым.

 «Зи Хэкур фIыуэ зылъэгъуа, абы псэемыблэжу щIэзэуа лIыхъужьхэм ТекIуэныгъэ и Паркым фэеплъхэр къызэрыщыхузэIуахыр фIыщ. ЩIэблэм я дежкIэ ар зауэлIхэм я щIыхьымрэ лIыгъэмрэ и фэеплъ ирырехъу!

Нобэ Тхьэм солъэIу зи егъэджакIуэхэм я Iуэхум пызыщэ, мамырыгъэр зыхъумэхэм папщIэ. Псэемыблэжу зи гъащIэр зыта лIыхъужьхэм я фэеплъыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, - жиIащ архиепископ Феофилакт».

ЗэIущIэм хэтащ къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, ветеранхэр, еджакIуэхэр, журналистхэр.

 

415
Фотогалерея