2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 7-м, бегъымбар Иоанн и махуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Сунжэ къуажэм и Иоанно-Предтечи члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Минераловодскэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Копач Иоанн я пашэу. Къардэн къулыкъур ищIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэмрэ къуажэдэсхэмрэ.
Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.