ПАСТЫРЬ НЭХЪЫЩХЬЭМ ЛИТУРГИЕ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ МОСКОВСКЭ КЪУАЖЭМ

09.07.2025
Просмотры: 694

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м, фIэщхъуныгъэ зиIэхэу, щихъхэу Петррэ Февронийрэ я фэеплъ махуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ фIэщхъуныгъэ зиIэхэу Петррэ Февронийрэ я цIэр зэрахьэу КъШР-м и Московскэ къуажэм щыIэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Петров Александр, Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий, къардэн Фещенкэ Иоанн. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэм щыпсэухэр, къэзакъхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, члисэм и хъумакIуэхэр игъэлъэпIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

А махуэ дыдэм архиепископ Феофилакт Усть-Джегуты къалэм и Михайловскэ члисэм кIуащ, щоджэн нэхъыжь Петров Александр зи унафэщIым. Щихънагъым зыхигъэгъуэзащ члисэр зэрызэрагъэпэщыжам икIи фIыщIэ хуищIащ Александр Къэрэшей-Шэрджэсым и пасэрей члисэхэм ящыщ зыр егъэфIэкIуэнымрэ хъумэнымрэ и IуэхукIэ зэфIигъэкI лэжьыгъэхэм папщIэ.

 

694
Фотогалерея