Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэм КъБР-м и щIалэгъуалэ центрым «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ папщIэ» медалыр щратыжащ республикэм и унагъуэ нэхъыфIхэм. Илъэс 25-м щIигъукIэ зэбгъэдэса зэщхьэгъусэхэр щагъэлъэпIащ абы, унагъуэ быдэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ я щапхъэу, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр зыхъумэу, хэкум хуэлажьэу, жылагъуэм пщIэ щызиIэ бын зыгъэсауэ зыкъэзыгъэлъэгъуахэр.
Прохладнэ къалэ администрацэм и арэзыныгъэкIэ ягъэлъэпIащ щоджэн, Никольскэ члисэм и клирик Еремеев Андрей и унагъуэр, къалэмрэ республикэмрэ я щэнхабзэм хуащIа хэлъхьэныгъэхэр къалъытэри. Щоджэн Андрейрэ Иринэрэ илъэс 30-м щIигъуауэ зэдопсэу, бынитI къащIэхъуащ. НэхъыщIэ Иоанн дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щещIэ.