ЩIАЛЭГЪУАЛЭ ЗЭХУЭСЫМ ХЭТХЭМ Я ГЪУСЭУ ЖЭЩ ЛИТУРГИЕР ПАСТЫР НЭХЪЫЩХЬЭМ КЪУЛЪШЫРЫФЫМ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ

27.07.2025
Просмотры: 791

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэжьащ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и гъэмахуэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ къулъшырыфым щыIэхэм, щоджэнхэм, Пятигорск епархием щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ жэуап зыхьхэм, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ «Бештау» щIалэгъуалэ зэхуэсым хэтхэр, 2025 гъэм зи бжэр ещанэу зэIузыхым. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

791
Фотогалерея