ЩОДЖЭНЫР ХЭТАЩ КЪАЛЭ КОМИССЭМ И ЗЭIУЩIЭМ

02.08.2025
Просмотры: 537

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м екIуэкIащ Черкесск къалэм и мэрием балигъ мыхъуахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ муниципальнэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэр. Зэхыхьэм щыхэплъащ сабийхэм я хуитыныгъэр къызэпыудыным теухуа Iуэхухэми.

ЕгъэджакIуэхэр, юристхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, социальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр Iуэхухэм хэплъащ, балигъыпIэ имыувахэм я хуитыныгъэр хъумэным теухуахэм.

Муниципальнэ комиссэм и лэжьыгъэм хэтщ Никольскэ соборым и щоджэн Иманов Алексий, Урыс Чристэн Члисэм сабийхэм я гъэсэныгъэм теухуахэр и нэIэм щIэтщи.

 

537